ПщэдджыжькIэ напIэр зэтесхамэ,
Унащхьэм хуэму сыдоплъей.
Сигу дыдэри схуэхъуауэ хамэ,
Слъагъу псоми сэ защызодзей.
Уэращ мы си псэр зыхуэзэшыр,
Си гухэлъ IэфIу хъуар зэпхар.
УсщIыгъукъыми, сеукIыр зэшым,
Нэщхъейщ мы сигу къыдэпхьэхар.
Яхуэмышэчу бжьыхьэ щIыIэр,
Удз гъэгъа цIыкIухэр мэгъуэлэж.
Нэса нэхъей е фIыцIэм и Iэр,
Ди лъагъуныгъэр мэлъэлъэж.
Хуабагъэ тIэкIу къысхуэтщ зыхэсщIэу,
Абы фIэкIа зы сыхуэмейт.
Сыт щыгъуи сэ къысщохъу сыпIыщIэу,
Зы жэщи IэфIу сымыжей…
Щыуагъэ къэбгъуэтам къыхэгъэщи ипIытIэ Ctrl+Enter.
Зыхыхьэр:
Уи цIыхугъэхэм къегъащIэ!
Зыгуэр къэптхыным: