Сыкъыщумылъыхъуэ уи бжэIупэм,
Си лъэужьыр жьым ипхъэнкIыжащ.
Уи гум щызмыгъуэтурэ псэупIэ,
ЩIыбкIэ сикIуэтыжри, згъэзэжащ.
Сыдыхьэжкъым ущыпсэу уэрамым,
Зы уэздыгъи щыблэркъым абы,
Къызэджар уэрами уэрмырами…
Ди блэкIам хуэсщIыжыркъым хьэтыр.
СынеплъэкIкъым, пщIэрэ, сыщыIэжкъым.
Уи зэманым сызэрихъуэкIащ.
Птеухуауэ зы уэрэди сщIэжкъым,
Закъуэныгъэм зыкъызишэкIащ.
Щыуагъэ къэбгъуэтам къыхэгъэщи ипIытIэ Ctrl+Enter.
Зыхыхьэр: Гугъуэт Заремэ
Уи цIыхугъэхэм къегъащIэ!
Зыгуэр къэптхыным: